11.05.2024г.Кабардинский язык. Союзым и мыхьэнэр. для 7а кл.

Къифтхык1. Псалъэухахэр синиаксис и лъэныкъуэк1э зэпкърыфх. Союзхэр къэвгъуэт, абыхэм зэрапхыр къыжыф1э.

Хьэщ1э къэк1уар бысымым гуапэу иригъэблагъэт ик1и абы хьэщ1эныш хуиук1т. Хьэщ1эщым зэ уэрэд, зэ хъыбарыжь щызэхэпхт, хъуэхъухэри куэду къыщы1ут. Шык1эпшынэм е пшынэ дыкъуакъуэм я макъамэ дахэр узы1эпашэу хьэщ1эщым къыщ1э1ук1т. Нэху щыху щхьэгъэрыта щ1алэхэр нэмысыф1эу бысым нэхъыжьхэмрэ хьэщ1эхэмрэ ящхьэщытт, ауэ зэи яхэпсэлъыхьыртэкъвм ик1и езэшауэ зыкъуагъэлъагъуртэкъым.
Адыгэхэр тутыни аркъэи ефэу щытакъым. Ахэр махъсымэ ефэрт, арщхьэк1э чэф хъуртэкъым.