Тхыгъэм и псалъэхэм хэт хьэрфхэр зэхэфтхык1: хьэрфзешэхэр, хьэрф дэк1уашэхэр, хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъхэр, дэгухэр.
Мэлыкъуэ къуажэм пшапэр псынщ1эу щызэхоуэ. Дыгъэ бзийр лъакъуэхэмк1э Къэнжал къуршыщхьэм зэрытеувэу. къуажэм къыбгъэдэт бгы к1ыхьым и хыв тхыц1ак1уэм зэуэ зауф1ыц1. Абы идз ныбжь ф1ыц1эм къуажэр щ1от1ысык1ри зы сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу унэ хужь пл1имэ кхъуэщыныщхьэр пшапэм яуфыхь.
Илъэс зыбжанэ щ1ат Мусэбий иужь дыдэу Налшык зэрык1уэ лъадэрэ. А зэманым къриубыдэу къалэм апхуэдизк1э зихъуэжати, нэгъуэщ1 хъуати, къыпхуэмыц1ыхужынк1э зыхуэ1уа щы1этэкъым.