11.05.2024г. Адыгэбзэ 4 «В». Ц1эп1апщ1эхэмрэ префиксхэмрэ.

Тхыгъэм фыкъеджэ. Ц1эп1апщ1эхэр щ1эфтхъэ, щъьэ префиксхэр пл1имэ ц1ык1ухэм ивгъэувэ.

Зэгуэрым сэ губгъуэмк1э сык1уэц1ырык1ырт. Зы пц1ащхъуэ ц1ык1у сэ къыск1ээрыхъыжьат. А ц1ык1ум си хъуреягъыр къилъэтыхьт. Пц1ащхъуэм си дамэм зыкъыжьэхигъауэурэ к1ийрт, и шыр ц1ык1ур къытесхауэ естыжыну къызэлъэ1у хуэдэ. Ар зыхуейр сэ къызгуры1уакъым. Унэм сыкъэк1уэжа нэужь си адэшхуэм сеупщ1ащ. Дадэ къыпыгуф1ык1ри 1уэхур зы1утыр къызгуригъэ1уащ:

-Ц1ыхур губгъуэм щык1уэц1ырык1ым деж, гъудэбадзэ куэд зэбгролъэт. Пц1ащхъуэм а ц1ык1ухэр удзым къыщилъыхъуэркъым, ат1э ц1ыхум и хъуреягъыр къилъэтыхьурэ ахэр къеубыд.