Текстым къеджи лэжьыгъэхэр гъэзащ1э.
1.Адыгэ ф1эхъусыр адыгэ хабзэм щыщщ ик1и хабзэ гуэрым тету зэ1эпыхын хуейщ.2.Ф1эхъус умыхыу ц1ыхум убгъэдыхьэнри убдэк1ынри емык1ущ-ф1эхъусыр псоми япэщ.3.Уэрамым ущрик1уэк1э,гъуэгу ущытетк1э узыхуэзэ псоми хуэфащэ ф1эхъус ехын хуейщ.
4.Псалъэм папщ1э,куэбжэм къыдэк1ауэ ц1ыхубз щытмэ,уэ шым утесмэ,шым укъепсыхыу ублэк1ын хуейщ,укъемыпсыхми,пщ1э зэрыхуэпщ1ыр къэбгъэлъагъуэу уанэгум зыкъип1этык1ын хуейщ.5.Машинэ исри аращ:нэхъ хуэм зищ1ын хуейщ,сабэр дритхъуейуэ зыблримыгъэхыу.
6.Нэхъыжьыр жыжьэу щытмэ, е блэк1ыу плъагъумэ,ук1элъымыджэ-дахэу бгъэдыхьи ф1эхъус ех.
1.Ф1эхъус псалъэр зэрыхъу макъ бжыгъэр къэвгъэлъагъуэ.
2.1-6 псалъэухахэм союз,союз-суффиксыр къыхэфтхык1.
3.Уэрамым ущрик1уэк1э(3 псалъэуха)-сыт хуэдэ зэпхык1э дэлъ я кум мы псалъэхэм?
4.Къыдэк1ауэ(4 псалъэуха)-зыщыщ псалъэ лъэпкъыгъуэр фубзыху.
5.1-6нэ псалъэухахэм къыхэвгъэщхьэхук1 псалъэуха къызэрык1уэр.
Литературэмк1э: Хьэхъупащ1э Хьэжбэчыр и «ГУР ЗЫЩ1ЭХЪУЭПСЫР» повестым гурыхьу(положительные) къыщыгъэлъэгъуа образхэр къевбжэк1.
Жэуапхэр ватсапк1э къевгъэхь.