Текстым фыкъеджи лэжьыгъэхэр вгъэзащ1э.
(1) Щ1ымахуэ к1ыхьым иригъэша ц1ыхухэр сыт щыгъуи я гуапэу 1уощ1э гъатхэм.(2) Илъэс хъурей псом хэткъым гъатхэм нэхърэ нэхъ дахи, нэхъ гуак1уи.(3) Псом япэу,псы уэрхэр зэщ1эзы1ул1а мыл 1увхэр дыгъэ хуабэм къигъачэу хуожьэ, ит1анэ мэуэжхэр.(4) Къуршхэм къыщежьа уэсыпс инхэм мыл къутахуэхэр ирахьэхыж ик1и псышхуэм, япэм хуэдэу,гурыму ежэхыу щ1едзэж.(5) Абы ещхьыркъабзэу,губгъуэшхуэм телъ уэсыр зэрытек1ыжу,удз щхъуант1э ц1ык1ухэр щ1ым къыхощ,къогъагъэ.(6) Псом япэу апхуэдэу къожьэ ажэгъуэмэ жыхуа1э удзыр,абы и ужь иту жыгхэм гулъ къащ1у хуожьэ,ит1анэ ахэр къот1эп1,тхьэмпэ щхъуант1э дахэу заубгъухэр.
1.Тхыгъэм пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэр дэтхэнэнэрами я бжыгъэк1э къэвгъэлъагъуэ.
2.Причастнэ оборот зыхэт псалъэухахэр вгъэбелджылы.(Псалъэухахэм я бжыгъэр фтхы.)
3.Зэман псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр къэвгъэлъагъуэ.
4.Щ1ымахуэм теухуа усэ сатырхэр зи 1эдакъэм къыщ1эк1ауэ усак1уитху хуэдизым я ц1эр къевбжэк1,усэхэм я ф1эщыгъэц1эр щ1ыгъуу.
Жэуапхэр ватсапымк1э къевгъэхь.