1.2. Усэм къеджэ. Ар зытеухуар урысыбзэк1э къэ1уэтэж. Упщ1эм жэуап ет.
Дэ сурэт дощ1
Сэ уафэ къащхъуэм сурэт тесщ1ык1ынщ.
Абы уэ дыгъэр дахэу хэпщ1ыхьынщ.
Губгъуэри щхъуант1эу абы щ1ыдгъужынщи –
Дуней псор ди пащхьэм занщ1эу къихутэнщ.
Дэ сурэт дощ1ыр щ1ылъэр, удз гъэгъар,
Телъыджэ лажьэу нэм илъагъуу хъуар.
Псэр щыгуф1ык1ыу адыгэ фащэм
Уощ1 и сурэтыр, щыгъыу нарт пщащэм.
Сэ тхыпхъэщ1ыпхъэу гъатхэм и бостейр
Си анэм дахэу хущыст1эгъэнщ.
Нанэ и 1эпл1эм щигъэжей сабийр
Уэ пщ1ы сурэтым къыщыбгъэлъэгъуэнщ.
Сэ вагъэ ф1ыц1эм жылэф1хэр хэссэнщ,
Уэ щхьэмыж тхъуэплъхэр сурэту пщ1ынщ.
Бжьыхьэри гъавэк1э къытхуэупсэнщ,
Адыгэ шхынхэм я сурэтыр тщ1ынщ.
Къанкъул Ф1ыц1э