Сэлам гуапэ фызох 9-нэ «Б» классым щеджэ еджак1уэхэм.Къык1элъык1уэ лэжьыгъэр вгъэзэщ1эн папщ1э «Псэм и 1эф1ыр къыуатмэ» романым и к1эм нэс феджэн хуейщ,нап 434 къыщыщ1эдзауэ.Тхыгъэм феджи мы упщ1эхэм я жэуапыр почтэмк1э къевгъэхь:kokova.79@list.ru
1.Ахьмэд и рефератым ц1эуэ ф1ищыну секретарым къыжри1ар?
2.Ахьмэд и мыхъумыщ1агъэу езым къилъытэр(еджэныгъэ теухуауэ)?
3.Ахьмэд письмо зыхуитх хъыджэбзыр хэт?
4.Анна Сергеевна Ахьмэд и анэм хуригъэхьыну къищэхуар?
5.Ахьмэд и зэф1эк1ым,и дуней тетык1эм тепсэлъыхьа нэужь Мэрзидан ц1ыхубзит1ым сыт яжри1ар?
6.Ахьмэд дэнэт здагъэк1уар щылэжьэну?
7.Ахьмэд и лэжьыгъэм ф1ищыну и мурадыр?
Нап.451 къыщыщ1эдзауэ и к1эм нэс феджи къызэрыфщыхъуар фтхыж.