Къифтхык1, союзыншэ псалъэуха зэхэлъым щытыпхъэ нагъыщэхэр вгъэув.
Ар сыт щыгъуи хабзэщ л1ыгъэ зыхэлъыр и щхьэм зэик1 щытхъужыркъым. Ауэ зы 1уэхугъуэ закъуэм махуэ гузэвэгъуэншэ дыгъэпсхэр къигъэнэщхъеят щэбэт махуэм мэрак1уэхьэ к1уахэм мэз пэнтхыщхьэ гуэрым деж бжьо къэук1а къыщагъуэтащ. Псы 1уфэм 1ус къуажэм хьэр щыбанэрт мыувы1эжу гъунэгъу яхуэхъу шу гупым гу къылъатагъэнт. Классыр мамырщ ящ1ын хуей есэпым псори щ1оджык1 йогупсыс. Астемыр зыщ1эхъуэпсыр къехъул1ащ къуажэм уэзджынэ макъ що1у а макъыр игъащ1эм щымы1ауэ нобэ къыщы1уащ. Ят1агъуэщ1ым уелэжьыну гугъущ дынейр щыуэт1псыт1ым деж ар бдзантхьэм хуэдэу лъэк1ыхьщ щыуэф1ым деж быдэщ. Тундрэм ц1ыхухэм хьэхэр къадо1эпыкъу абыхэм хъушэр дыгъужьхэм щахъумэ щыхьхэр зэбграгъэк1ыркъым.