Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ! Еигъэ ц1эпапщ1эхэм я мыхьэнэм щыгъуазэ зыхуэфщ1, напэк1уэц1 75-78, абы теухуауэ тхылъым ит, правилэр гук1э зэвгъащ1э, напэк1уэц1 76-77. Еигъэ ц1эпапщ1эхэр падежк1э зэхъуэк1а зэрыхъу таблицэм феплъ, абы теухуауэ напэк1уэц1 78 ит правилэм феджэ, фи тетрадхэм лэжьыгъэ 114, напэк1уэц1 78 итыр условием тету щывгъэзащ1э, фыкъеджэ, еигъэ ц1эпапщ1эхэр вгъэбелджылы зыхуэдэк1э (щхьэ, бжыгъэ, и щхьэ хущыт, хущымыт), псалъэухам зэрыхэувэ пкъыгъуэр къыжыф1э.