09.12.2022г. Адыгэбзэ 8 «А» «Д». Адыгэхэмрэ вагъуэмрэ.

Вагъуэхэмрэ Адыгэхэмрэ.

Пасэрей адыгэхэм вагъуэхэм еплъык1э зэхуэмыдэ хуа1эу щытащ. Къапщтэмэ, езыхэм вагъуэхэм ц1э зэрыф1ащыжым къегъэлъагъуэ абыхэм я гъащ1эм вагъуэхэм мыхьэнэ хэха ща1эурэ къызэрыгъуэгурык1уар. Ц1эхэр зы лъэпкъ гуэрым ейм къызэрытрамыхар белджылыщ. Абыхэм ящыщщ:

Дыгъэ – Сеолнце

Мазэ – Луна

Шыхулъагъуэ – Млечный путь

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица

Ищхъэрэвагъуэ – Полярная Звезда

Вагъуэкъан – Марс, Юпитер, Сатурн

Вагъуэабрэдж – Блуждающие звезды

Нэхущвагъуэ – Венера

Вагъуэиж – Метеор

Ахъшэмвагъуэ, е Хэщхьэжыгъуэ вагъуэ – апхуэдэц1э я1эщ вагъуитхум: Сириус, Арктурэ, Капеллэ, Альфэ, Бетэ

Вагъуэгущэ – Кассиопея

Шогуэгъагъэвагъуэ – Алькор

Вагъуэсокъурэ – Созвездие Чаши

Вагъуэгублащхьэдэс – Труба Арктура

Вагъуэбаш – Волосы Вероники

Вагъуэхьэлывэ – Светлая корона

Вагъуэщэлъахъэ – Созвездие стрелы

Вагъуэбэ – Созвездие Дельфина

Вагъуэк1апсэ – Андромеда

Вагъуэщыгъэ – Южная корона

Вагъуэдэмэкъуэ – Малый Пес

Дей жыг вагъуэ – Созвездие Лиры

Темыркъэзакъвагъуэ – Созвездие Большой Пески

Адыгэхэм вагъуэхэм апхуэдэ ц1эхэр ирата къудейкъым, ат1э ахэм я щытык1эхэр, къыщыкъуэк1-щыкъухьэжхэр, мэкъумэш лэжьыгъэхэм, 1узэв тенджызым, Тенджыз Ф1ыц1эм кхъухьхэр тыншу щызек1уэным, дунейм и къэхъукъащ1э зэхуэмыдэхэм ирапхт, абыхэмк1и 1уэхугъуэ куэд зэхагъэк1ырт.

Псалъэм папщ1э, щак1уэхэмрэ зауэл1хэмрэ зык1и мыгъуащэу здаунэт1а щ1ып1эр жэщк1э нэхъ лыд вагъуэхэмк1э къагъуэтырт. 1уэры1уатэм къыхэнащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Ат1э зек1уэ фыщык1уэк1э, Шыхулъагъуэм фык1элъыплъ, абы фигъэгъуащэнкъым».

Астрономием дунейм щытык1эу и1энур гъэбелджылыным хуэгъэзауэ адыгэхэм я1а щ1эныгъэм топсэлъыхь щ1эныгъэл1 ц1эры1уэу щыта Хъан-Джэрий. «Ищхъэрэвагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, Шыхулъагъуэр адыгэхэм сыт щыгъуи гъуазэу я1ащ, жэщк1и хьэлэмэту здыхуейм иринэсыфырт. Вагъуэхэмк1э гъуэгур, здэк1уэнур зыгъэбелджылыхэм пщ1эшхуэ хуащ1т. Вагъуэхэмк1э дунейм къыщыхъуну зэхъуэк1ыныгъэхэри хьэлэмэту ягъэбелджылыт адыгэхэм», — итхащ абы.

Мазэщ1э къэунэхуам и щытык1эмк1э, и к1апэхэр къызэрыгъэт1емк1э ягъэбелджылыфырт мазэм дунейр зэрыщытынур. Губгъуэ лэжьыгъэхэм я зэманыгъуэм деж Дыгъэр къызэрыщ1эк1-зэрыкъухьэмк1э яубзыхут уэф1ынуми,уэлбанэ къэхъунуми. Абы тегъэпсыхьауи я 1уэхур ялэжьт.

Вагъуэбэр Ищхъэрэ Кавказым и уафэм къит1ысхьэмэ (ар къыщыхъур март1ыращ), гъатхэр къызэрихьэр къащ1эрт, ик1ыжмэ, щ1ымахуэм зыхуагъэхьэзырт. Ахъшэмвагъуэмк1э нэщ1 мазэхэм хэщхьэжырт. Нэхущвагъуэмк1э щэращыр яшхт, Вагъуэбэмк1э илъэсым и лъэхъэнэ нэхъыщхьэхэр ягъэбелджылыт. Ищхъэрэ Кавказым и уафэгум ар къыщихьэр техуэрт март1ым и 21-м ик1и абы къыщыщ1эдзауэ илъэсыщ1эм и махуэхэр ябжырт. Вагъуэбэр уафэм зэрис зэманыр лъэхъэнипл1у ягуэшырт. Ахэр хуэзэт илъэсыр зыгуэша лъэхъэнипл1ым – гъатхэм, гъэмахуэм, бжьыхьэм, щ1ымахуэм.

Гъатхэм Вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ауэ, гъэмахуэм гъавэм хэпсауэ, бжьыхьэм жыг щхьэк1эхэм хыхьауэ, щ1ымахуэм щ1ым хыхьэжауэ къалъытэрт. Вагъуэбэм ирапхыу щытащ гъэмахуэм, щ1ымахуэм щ1ым къэхъу нэхъ махуэ хуабэ дыдэхэмрэ нэхъ щ1ы1э дыдэхэмрэ. Пщ1э хэхарэ щ1ыхьышхуэрэ адыгэхэм хуащ1у щытащ Мазэм. Ищхъэрэ Кавказым къыщагъуэт мывэхэк1хэм, нэгъуэщ1 пкъыгъуэхэм на1уэ дыдэу ар къыхощ.

Мазэр Дыгъэм и шыпхъуу, и ныкъуэхэми а т1ур зэкъуэшу къалъытэрт. 1уэры1уатэм мыпхуэдэу къыхэщ: «Дыгъэмрэ Мазэмрэ зэкъуэшщ. Дыгъэр нэхъыжьщ. Мазэр нэхъыщ1эщ. Ахэр ф1ыуэ зэролъагъур ик1и щызэ1ущ1эк1э быдэу 1эпл1э зэхуащ1ыр». Арами ядэртэкъым 1эпл1э зэхуэщ1ыныр к1ыхь хъууэ. Сыту жып1эмэ, абы щыгъуэм а т1ум языр, щ1эхъума хъурти, унк1ыф1ырт. Арат Мазэр щиубыдк1э къиут1ыпщыжыну Дыгъэм пы1э щхьэрыхк1э щ1елъэ1ур. Дыгъэр щиубыдк1и апхуэдэ къабзэу Мазэм елъэ1урт, нэхъ щ1эх и къуэшым къыбгъэдэк1ыжыну, къиут1ыпщыжыну.

Адыгэхэм мазэм пщ1э хуащ1у, куэдк1э щыгугъыу зэрыщытам и нэгъыщэщ иджыри Мазэщ1эр къыщыунэхук1э тхьэ елъэ1уурэ лъэбакъуищ зэрачыр. Мазэм и изыгъуэм дыжьын 1элъынк1э абы иплъэрти «къэхъунур» къащ1эрт, хъыджэбзхэм я нат1э хъунухэр ягъэбелджылыт.

Адыгэхэм мазэм хуащ1у щыта пщ1эм 15 л1эщ1ыгъуэхэм и пэублэхэм тетхыхьащ француз Абри де Ла Мотре. ХХ л1эщ1ыгъуэхэм и епщ1анэ гъэхэм Джемс Белл «1837-1839» гъэхэм Шэрджэсым сызэрыщы1ам» дневникым иритхащ Мазэм адыгэхэм хуагъахъэ 1уэхугъуэ куэд.

Нэхъ пщ1э хуащ1у щытакъым дыгъэми. Ищхъэрэ Кавкзым щрагъэк1уэк1а археологическэ къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, пасэрей адыгэхэми мывэми, гъущ1хэк1хэми, нэгъуэщ1хэми тращ1ыхьу щытащ Дыгъэр. Уеблэмэ, дызэрыт л1эщ1ыгъуэм и епщ1анэ гъэм нэс ар тхьэ пэлъытэу я1ащ адыгэ лъэпкъ щхьэхуэхэм ик1и «Дыгъэдыщэк1э» еджэрт. Абы хуа1а пщ1эм и щыхьэтщ унагъуэм къихьы нысэр ирагъэф1эн папщ1э ф1ащу щыта, иджыри ф1ащ ц1эхэр: Дыгъэ, Дыгъэуэс, Дыщэдыгъэ, Нэхудыгъэ, Дыгъэнур, Дыгъэц1ык1у, нэгъуэщ1хэри.

Ик1эм жыт1энщи, уафэм и дэтхэнэ пкъыгъуэми адыгэхэмк1э мыхьэнэ хэха я1эу щытащ. Ахэмк1э гъащ1э 1уэхугъуэ куэд дыди зэф1ахт.

Шэч хэмылъу, адыгэхэм абыхэм къакъуэк1 къэхъукъащ1эхэри диным, Тхьэм сыт щыгъуи ирапхырт. Ноби лъэпкъым яхэтщ уафэм, Дыгъэм, Мазэм, вагъуэхэм я щытык1эмк1э дунейм и къэхъукъащ1э зэхуэмыдэхэр хьэлэмэту зыгъэбелджылыфхэр.

Перепишите текст в тетрадь.