09.04.2020г,кабардинская литература 4″А”,”Г”,”З”(осн.гр.Марины Мухарбиевны) “Мишэ и анэр къигъуэтыжащ”

09.04.2020г,кабардинская литература 4 "А","Г","З"(осн.гр.Марины Мухарбиевны) "Мишэ и анэр къигъуэтыжащ"

Фи махуэ ф1ыуэ си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ!
Тест лэжьыгъэр фщ1ыжын и пэ къихуэу Щомахуэ Амырхъан и “Мишэ и анэр къигъуэтыжащ” рассказым щыщ мы 1ыхьэ ц1ык1ум гупсэхуу фыкъеджэ.
Расказым къи1уатэ 1уэхугъуэр къыщыхъуар Хэку зауэшхуэм и зэманырщ. Ленинград къалэм фашистхэм къебгъэрык1уэн щыщ1адзам абы дэс сабийхэр Налшык маф1эгук1э къашат. Абы щыгъуэ урыс щ1алэ ц1ык1у Мишэ Маржан и адэм гум иригъэт1ысхьэри я деж ишат. Мишэ апхуэдизк1э къарууншэ хъуати гум къик1ыфыртэкъым. Ауэрэ тхьэмахуит1 дэк1а нэужь Маржан и гъусэу школым к1уэн щ1идзащ Миши. Мишэ Маржанхэ я деж зэрыщы1эрэ илъэсит1щы дэк1ауэ зауэр иухащ.Пощтзехьэм къахуихьа газетым итт Мишэ и анэм къызэрилъыхъуэр. Куэд дэмык1ыуи Мэржанхэ япэмыжыжьэу къэувы1а таксим Мишэ и анэр къок1. Мишэ и анэр къиц1ыхужащ абы и нэк1ум тет анэлымк1э.Абы лъандэрэ Мишэр Мэржанрэ зэк1элъок1уэ, письмо зэхуатх.