09.04.2020г,кабардинская литература 3 «А»,»Г»,»Е» (осн.гр.Марины Мухарбиевны) «Фэеплъ»

16.04.2020г, 3 "Б" класс. Литературное чтение на каб.яз (для группы Варквасовой И.П.) КIуантIэ Iэзид "Фэеплъ" ) "Фэеплъ"

Тест лэжьыгъэм сэбэп къыщыфхуэхъунущ рассказым щыщ Iыхьэ гъэкIэщIауэ.  Гупсэхуу фыкъеджэ! Псалъэ къыхэгъэщахэм гу лъыфтэ.

Фэеплъ

ЕгъэджакIуэр, классым, къыщIыхьэри, жиIащ: — Нобэ кIэIупхъуэ дыным щIэддзэнущ. Фыхуейуэ щытмэ, фи къупщхьэ гуащэхэм хуэвд, фыхуеймэ, фи щхьэм хуэвдыж. — Си анэшхуэм хуэсщI хъуну? — и Iэр къиIэтри къэтэджащ Маритэ. — Хъунущ. КIэIупхъуэр урокищкIэ тщIынущ. Маритэ унэм къыщыкIуэжам нанэ хадэм итт, бжьын хисэу. Абы нанэ имылъагъуу и анэм щэкI къыIрихащ. КъыкIэлъыкIуэ урокри къэсащ. КъызэрыщIэкIымкIэ классым щIэсхэм щыщу зыми идыртэкъым Маритэ ид кIэIупхъуэм хуэдэ. Хъыджэбз цIыкIухэр хэт и гуащэм хэти и щхьэм хуэдэрт. Махуэ ещанэм кIэIупхъуэр хьэзыр хъуащ. Маритэ пщэфIапIэм щIыхьэри фIэдзапIэм фIидзащ кIэIупхъуэр. Нанэ ар къыщилъэгъуам щыгуфIыкIащ, икIи Маритэ и щхьэм Iэ дилъащ.