08.04.2022г. Кабардинский язык. 8 «Б», «В» (нач.гр.). Щоджэнц1ы1к1у Алий.

Здравствуйте, ребята! Спишите текст, выделите имена существительные и выучите их.
Щоджэнц1ык1у Алий.
Адыгэ усак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алий 1900 гъэм Бахъсэн куейм хыхьэ Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Алий и адэшхуэ Пщыкъан щ1алэ ц1ык1ур литературэм пасэу дригъэхьэхащ. Пщыкъан уэрэд, хъыбар, таурыхъ куэд ищ1эрт. Ахэр и къуэрылъхум куэдрэ жри1эжырт.
1914 гъэм къкажэ еджап1эр къиуха иужьк1э ар мыдрисэм щ1от1ысхьэ. А зэманым ар езыгъэджахэм ящыщт Цагъуэ Нурий. Нурий еджак1уэ ц1ык1ухэр адыгэбзэк1э иригъаджэрт. Ар мыдрисэм и лэжьак1уэхэм ядэртэкъым.
Алий мыдрисэм къыщ1эк1ыжри 1925 гъэм Дагъыстаным мак1уэ. Ар Темырхъан-Шурэ щы1э егъэджак1уэ курсым щ1от1ысхьэ. А еджап1эр ехъул1эныгъэк1э къеух. Иужьк1э ар Кърымым , Бахъчисэрай къалэм ягъак1уэ. Абы щеджэ зэманым Урысейм Февральскэ буржуазнэ революцэр къыщыхъеящ. Абы и зэранк1э еджап1эр зэхуащ1. Щоджэнц1ы1к1у Алий Кърымым йок1ри Тыркум мак1уэ. Тыркум щы1эурэ Алий тыркубзэмрэ французыбзэмрэ зэрегъащ1э. Щоджэнц1ык1у Алий тхэн щыщ1идзар 1917 гъэрщ. Усак1уэм Тыркум щитхауэ щытащ ц1эры1уэ хъуа «Нанэ» усэр.