Фи махуэ ф1ыуэ! Текстыр тетрадым итхэн. Ц1эпапщ1эхэр къыхэгъэщын.Ахэр зыщыщыр къэгъэлъэгъуэн.
Ажэкъуэ.
Ажэкъуэр икъук1э щ1ып1э дахэщ.Щ1ып1э дахащэщ!Ар Аушыджэр пэмыжыжьэу щылъщ.Абы псынэ ц1ык1у куэд къыщыщ1ож.Ахэр зыуэ зэхолъэдэжри псы1эрышэшхуэу Шэрэджым хохуэж.Аращ зэныбжьэгъухэм ди сабиигъуэри щ1алэгъуэри щетхьэк1ар.Абы нэхъапэм,Хэку зауэшхуэм и пэк1э,мэз бжэн щыкуэдащ.Псом хуэмыдэжу ажэр щыкуэдт.Аращ а къуэм апхуэдэ ц1э дахэ щ1ыфащари.Хэт ищ1эн япэ дыдэу ар зигу къэк1ыу абы ф1эзыщар? Ар зыми ищ1эжыркъым.