07.12.2020г. Кабардинский язык. 6 «А» кл. (осн. Бижоевой И.А.). Ц1эпапщ1эм и мыхьэнэр. Щхьэ ц1эпапщ1эхэр. 2 урока.

07.12.2020г. Кабардинский язык. 6 "А" кл. (осн.гр. Бижоевой И.А.). Щхьэ ц1эпапщ1эр. Ц1эпапщ1эм и мыхьэнэр.

Фи махуэ ф1ыуэ! Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр джыным пыдощэ. Нобэрей псалъэмакъыр зытедухуэнур ц1эпапщ1эрщ, абы и мыхьэнэрщ. Ц1эпапщ1эхэр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ. Абыхэм предметхэр, щытык1эхэр, бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ,ауэ я ц1э дыдэр къра1уэркъым.
Езыхэм къагъэлъагъуэхэм елъытауэ ц1эпапщ1эхэр гуп зыбжанэу зэщхьэщок1.А гупхэм я ф1эщыгъэц1эхэмрэ къагъэлъагъуэхэмрэ я таблицэр фи тхылъхэм (нап.65) къыщывгъуэтынущ.
Абыхэм щыщу щхьэ ц1эпапщ1эхэм теухуа теоретическэ тхыгъэр параграф 25-м къивджык1ыфынущ. Щхьэ ц1эпапщ1эхэм къагъэлъагъуэр, щхьэуэ щы зэра1эр, абыхэм я склоненэр, псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьэуи пкъыгъуэ ет1уанэуи зэрыхэувэм теухуащ 25 — 26 параграфхэр.