07.10.20.23г. Адыгэбзэ 11 “А”. Хьэрф у щатхыр.

Къитхык1,псалъэхэм хьэрф у-м макъзешэ къыщигъэлъагъуэр зы екъуак1э,макъ дэк1уашэм и дамыгъэу къыщык1уар екъуаит1к1э щ1эфтхъэ.

Щ1алэгъуалэм я 1эуэлъауэр, къакъэ-пщ1ыпщ1ыр,псым и 1эуэлъауэр джэрпэджэжу аузым нэщхъыф1эу къыщы1урт.Псоми щ1этт жыджэрыгъэмрэ нэщхъыф1агъэмрэ: пщэдджыжь уэф1 дахэми, псыхъуэ даущми , ц1ыхухэм я лэжьэк1эми, я щытык1эми, псэм ф1эф1 уэрэдым щ1элъ макъамэ гурыхьым хуэдэу. Георгий Саввич лэжьыгъэр зэщ1эплъэхук1э, зэрыхъум к1элъыплъыну, нэгъуэщ1 1уэху гуэрхэм я ужь ихьэну и мурадт. Абы щыгъуэ 30-нэ илъэсхэм, балигъхэм я гугъу умыщ1ыххэ, щ1алэгъуалэми яхэттэкъым лэжьыгъэм хуэмы1эк1уэлъак1уэ: арат зыхап1ык1ри зыщ1ап1ык1ри, щысабийм къыщыщ1эдзауэ. Зэхэту лэжьэн хуей хъуамэ, къак1эрыхуу хуэмыхуфэ къытеуэ нэхъри хэти, л1эмэ, нэхъ къищтэт. Ц1ыхухэм я гурыф1ыгъуэри зэрыпагэри гупым лэжьыгъэк1э,1уэхук1э зэрахэтыф щ1ык1эр арат, хэбгъэзыхьмэ, зэрызагъэдахэри зэрызагъэщ1эращ1эри арат. Сэ сщ1эркъым слъэгъуауэ абы щыгъуэ ц1ыхубзхэм дыщэ 1элъын, дыщэ тхьэгъу е нэгъуэщ1 хьэпшым лъап1э ц1уугъэнэ куэд зык1эралъхьэу… Абы щхьэк1э ц1ыхубзхэри ц1ыхухъухэри зык1и нэхъ 1ейтэкъым.