06.05.2022г. Адыгэбзэ 8 “Д”. Сказуемэ зэлъэпкъэгъухэр.

Текстым къеджэ.Зэрытха стилыр гъэбелджылы.Дэгъэхуа нагъыщэхэмрэ хьэрфхэмрэ дэгъэувэж.Сказуемэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухар къэгъуэт.

Вак1уэм зэрыдэк1ыу гупым я нэхъыжьхэр зэхэт1ысхьэрти унафэ ящ1ырт:вак1уэ ихьэжыхук1э гупым я унафэр иригъэк1уэк1ыну зы пхъэ1эщэжь хахырт. Пхъэ1эщэр щыщ1эщ1эн хуейм и деж б…ракъыр зыгъэуври, шхэгъуэ хъуауэ щ1эт1ык1ын щыхуе…ми б..ракъыр езыгъэуэхри а пхъэ1эщэжь хахар арат. Вэн яухыхук1э а гупым ящ1эн хуей псори яубзыхурт. Чэзууэрэ м…хъсымэ ящ1урэ къашэну у…нагъуэ къэс хуагъэувырт зэманри яубзыхурт. А ящ1а унафэм ебакъуэ щы1этэкъым абы тету псори ягъэзащ1эрт. М…хъсымэр къэзышэм гъуэмылэри къишэрт.
Пхъэ1эщэхэм гъунэ иралъыным и…пэ къихуэу, вак1уэ гупыр псори з…хуэсырт.
Пхъэ1эщэжьым абыхэм “гъунэилъ хъуэхъу” яж…ри1эрт.