04.05.2024г. Адыгэбзэ 11 «А».Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр зыхиубыдэ бзэ лъэпкъхэр. (текстым елэжьын.)

Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр зыхиубыдэ бзэ лъэпкъхэр.

Ди лъэпкъым, ди ц1ыхум я гъащ1эм зиужьынымк1э мыхьэнэшхуэ и1эщ “1уащхьэмахуэ” журналым. Ар адыгэбзэм ирилажьэхэм, егъэджак1уэхэм, еджак1уэхэм, студентхэм я дэ1эпыкъуэгъу къудейкъым. Мыбы къытехуэ тхыгъэм уагъэп1ейтей куэдым урагъэгупсыс ф1ым дахагъэм ц1ыхугъэм укъыхураджэ ухуаущий. Журналым и дэтхэнэ напэк1уэц1ри гъэщ1эгъуэнщ, удэзыхьэхщ. Лъэпкъым и щ1эныгъэл1хэм, ц1ыху 1ущхэм, тхак1уэхэм, усак1уэхэм я тхыгъэ щхьэпэ куэд къыщагъуэт мы журналым еджэхэм. Гъащ1эмрэ искусствэмрэ хэлъ дахагъэм ухуагъэуш апхуэдэ тхыгъэхэм. Ахэр щ1эщыгъуэщ, удахьэх.

Щ1алэгъуалэр гъуэгу пэжым сыт щыгъуи тетыным щхьэк1э тхыдэр, хабзэр, бзэр хъума хъуным папщ1э , “1уащхьэмахуэ” журналым къалэныщхуэ егъэзащ1э.

Педколледжым и адыгэбзэ къудамэм щеджэхэм къа1эрохьэ мы журналыр. “Сыту ф1ыт зэрытеддзэар, журналым и къык1элъык1уэ къыдэк1ыгъуэм къытхуэмыгъэсу дожьэ, унэм дохьыжри, зэрыунагъуэу доджэ”,- жа1э студентхэм. Студентхэм я мызакъуэу, журналым поплъэ егъэджак1уэхэри :”Журналыр къевгъэхьыну 1э щытевдзэк1э, дызыщывмыгъэгъупщэ”,-къыджа1э, адыгэбзэ мыхъуу, нэгъуэщ1 предметхэмк1э езыгъаджэхэми. Журналыр яф1эф1у щ1аджык1, псалъэм папщ1э, педагогикэмк1э, психологиемк1э, математикэмк1э, урысыбзэмк1э, тхыдэмк1э езыгъаджэхэми. “Жыгым и къуэпсыр паупщ1мэ, мэгъуж. Зи бзэ, зи хабзэ зимы1эжы лъэпкъыр мэк1уэдыж. Ди бзэр, ди культурэр хъума хъунымк1э мыхьэнэщхуэ и1эщ мы журналым”,- же1э педколледжым и директорым и къуэдзэ, педагогикэ щ1эныгъэм я кандидат Нэхущ Мухьэдин.
Уи щ1эджык1ак1уэхэм хэхъуэ зэпыту, уефак1уэу, зыбызэщ1у куэдрэ дызыгъэгуф1эн, зэи мык1уэдыжын Тхэм уищ1, ди “1уащхьэмахуэ!”

1. Текстым фыкъеджи ф1эщыгъэц1э хуэф1щ1.
2. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къызыхэщ псалъэухахэр къыхэфтхык1и псалъэухам и пкъыгъуэк1э зэпкъырыфх.
3. Ещанэ псалъэухар зыхущыщ1э нэгъыщэхэр вгъэувыж.
4. Нэгъуэщ1ыбзэм щыщу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэм я щапхъэ тхыгъэм хэтмэ къыхэфтхык1.