04.02.2013г. Адыгэбзэ 10 “А” “Б”. Бжыгъэц1э зэхэлъ, зэхэт, къызэрык1уэ.

Къитхык1, бжыгъэц1э къызэрык1уэхэр зы екъуак1э, зэхэлъхэр екъуаит1к1э, зэхэтхэр екъуа нашэкъашэк1э щ1этхъэ.

Псыежэх ц1ык1у зыщыпл1 зэхохуэжри псышхуэ мэхъу. А псы ц1ык1ухэм псынащхьэ зыхыбл къежьап1эу я1эжщ. Ди къуажэбгъумк1э блэж псыежэхым и къежьап1эр псынащхьитхум йок1уал1э. Ар, километр пщык1упл1 къижа нэужь Куян хохуэж. Абы и ет1уанэ псыкъуэжым езым нэмыщ1 псыежэх ц1ык1ухэр т1урыт1 -щырыщу зэхэлъэдэжурэ псы лъагъуэ нэхъыщхьэм къок1уал1э.Псыкъуажищри Куян щыхэхуэж щ1ып1эхэр щиху лъагэхэмк1э къоц1ыху:ахэр т1ощ1-т1ощ1 мынэхъ мащ1эу псы нэпкъит1ым щызэпэщытщ. А псызэхэхуэжып1эхэрщ елыркъэш куэд зыхэсыр. Зымахуэ бдзэжьеящэ гуэрым зы гъуэм кърихащ елыркъэш щ1эщ1рэ блырэ. Т1ощ1рэ етхуанэу къриха елыркъэшым нэхърэ нэхъ п1ащэ яхэттэкъым. Зэхэхуэжып1эм псыпц1э-псытепхъэу метрищэ- метр щит1 зи бгъуагъхэр и1эщ. Мис ахэращ бдзэжьейхэм я тхъап1эр. Псы нэхум и лъабжьэм минищэ бжыгъэк1э бдзэжьей шырхэр гуп-гупурэ щос. Ещанэ псытепхъэм къамылу зы минипщ1къым хэтыр. Абыхэм сыт хуэдэ арджэн къыщык1рэ!.