Синонимхэр.
Къитхык1, къыхэгъэбелджылык1ауэ къэк1уа псалъэхэр абыхэм синоним яхуэхъу псалъэк1э зэпхъуэк1ыурэ.
Гъуэгурык1уэхэм мащ1эу загъэпсэхури гъуэгу теувэжащ. Гъуэгу 1уфэм 1ут щиху абрагъуэхэм я ныбжьыр жыжьэ идзырт. Псоми жьауэ лъэныкъуэмк1э зратауэ к1уэрт. Япэ ит пщащэм уэрэд дахэ къыхидзащ. Уэрэдым и псалъэхэр ф1ыуэ зымыщ1э хэтми, псоми зэрахузэф1эк1к1э дежьурт. Иужьым псоми чэзууэ къыхадзэу щ1адзащ. Гупыр инт-ц1ыху щэщ1ым нэсынут. Ахэр ф1ыуэ къуажэм пэ1эщ1э хъуат, уэшх къыпхидзу щыхуежьам. Ауэ иджыри 1упщ1у плъагъурт унащхьэхэм къытеп1иик1 антеннэхэр. Ет1уанэу къыщыувы1эн хуей щ1ып1эм ахэр и чэзууэ нэсащ.