01.10.2022г.Кабардинский язык 8 «Г»кл. (осн.гр.Кумаховой М.М) «Псалъэухам и кIуэцIкIэ псалъэхэр щызэпхыныгъэ»

Фыузыншэу, цIыкIухэ!
Тхылъым и 9-нэ напэкIуэцIым ит правилэм гупсэхуу фыкъеджэ.
Псалъэухам хэт псалъэхэр я мыхьэнэкIи грамматическэкIи зэпхащ. А зэпхыкIэхэр лIэужьыгъуитI мэхъу: зэгъусэу зэпхыныгъэрэ зым зыр и кIэрыдзэну зэпхыныгъэрэ.
КIэрыдзэн псалъэхэр псалъэ нэхъыщхьэхэм пыщIа мэхъу щIыкIищкIэ: зегъэкIуэныгъэкIэ, зэкIуныгъэкIэ, егъэщIылIэныгъэкIэ.
Лэжьыгъэ 13-р фи тетрадхэм щывгъэзащIэ.